Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

пхъэ хъурей

  • 1 пхъэ

    / Псэуалъэ, пхъащхьэ къыхахыну паупщIа жыг.
    Пхъэр зэгуэхын.
    * Пхъэ зыIущIым къуэщIий егъуэт. (погов.)
    2. дрова
    / Гъэсын хьисэпу паупщIа, якъута жыг.
    * Пхъэр зэпыхын. Пхъэр сымэ, Iугъуэ пех. (погов.)
    Пхъэ зэгуэгъэзам дэгъэплъын укротить, заставить подчиниться кого-л.
    Пхъэ идзэн устроить жеребёвку, бросить жребий. Пхъэ ирадзэри абы и пхъэркъикIащ.
    Пхъэ зэтеупщIэн изготовить, сделать сруб. {И} пхъэ къикIын 1) повезти кому-л. 2) выиграть по жребию.
    * Зи пхъэ къикIар зи кIапэкIэ ягъэуври къыкIэлъикIыр кIэлъагъэувурэ ягуэш. фольк.
    пхъэ вакъэ деревянные башмаки, сабо
    / Пхъэм къыхэщIыкIа вакъэ.
    * Дэшхуейуэрэ си пхъэ вакъитIым сынырокIуэ мыгъуэри сыныроплъэ. Къэб. п. и ант.
    пхъэ гуахъуэ деревянные вилы
    / ЖьитI зыгуэт пхъэ дыкъуакъуэм къыхэщIыкIа гуахъуэ.
    Пхъэ гуахъуэр мэкъум хэIун.
    пхъэ дакъэ 1. кусок бревна
    / КIэщIу зэпыха, зэпыуда пхъэ гъум.
    * Сэ си щIакIуэ щIагъым пхъэ дакъэ ин щIэслъхьащ. Къэб. таур.
    2. пень
    / Жыгыр паупщIа нэужь щIым къыхэнэ лъабжьэ.
    пхъэ дакъэжь 1. обрубок дерева
    / Пхъэ гъум кIэщI.
    * Лъэныкъуабэ зищIауэ Вильяминовыр гуанабэ пхъэ дакъэжьым тест. Ш. А.
    2. см. пхъэ дакъэ 2.
    пхъэ закъуэ лъэмыж мост из одного бревна
    / Лъэсхэр зэрызекIуэ лъэмыж бгъузэ дыдэ.
    * Уфафэу пхъэ закъуэ лъэмыжымкIэ икIын хуей хъуащ. Хъу. и таур.
    пхъэ кумылэ сердцевина ( дерева)
    / Пхъэм ику дыдэ, нэхъ и щабапIэ дыдэ.
    пхъэ къутапIэ 1. чурбан, на котором колют дрова
    / Пхъэ щакъутэкIэ зытраубыдэ пхъэ дакъэ; теIущIыкIыпIэ.
    * Пхъэ къутапIэмкIэ зигъазэри {ПIытIу} пхъэ зыкъутэ щIалэм еджащ. Ж. Б.
    2. место во дворе, где рубят дрова
    / Пхъэ щакъутэу пщIантIэм иIэ щIыпIэ.
    Пхъэ къутапIэр пхъэнкIын.
    пхъэ къутахуэ см. къуэщIий.
    пхъэ лъакъуэ протез ноги
    / Лъакъуэ зыпымытыжхэр иризекIуэу Iэпкълъэпкъым щымыщ пкъыгъуэ.
    пхъэ пэгун бадья, бадейка
    / Пхъэм къыхэщIыкIа пэгун.
    пхъэ пшынэ балалайка
    / ШыкIэпшынэ теплъэ зиIэу IэпэхэмкIэ пшынэбзэм еуэурэ макъамэр къызэрырагъэкIыр.
    * СолIапэ жызоIэри си пхъэ пшынэр согъаджэ. фольк.
    * Хъуэжэ зы пхъэ тыкъыр иIэти къэпым ирилъхьэри къихьащ. Хъу. и таур.
    пхъэ хъурей кругляк (нераспиленный лес, как материал)
    / Пхъэ зэгуэмыха.
    Пхъэ хъурейхэр пхъэзэгуэхым шэн.
    пхъэ цIыб деревянная пробка ( от бочки)
    / Фэндыращхьэ, бочкащхьэ сыт хуэдэхэр зэрагъэбыдэ пхъэ тыкъыр.
    пхъэ цIыцI см. пхъэ хъурей.
    пхъэ Iунэ деревянные гвозди
    / Пхъэм къыхэщIыкIа Iунэ.
    Пхъэ Iунэ щIын. Пхъэ Iунэ етын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пхъэ

  • 2 пхъэбгъу

    доска (плоский кусок дерева, выпиленный из бревна)
    / Пхъэ хъурей зэгуахыу къыхах пхъэ пIащIэ кIыхьы.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пхъэбгъу

  • 3 ужьгъащхьэ

    верхний ( деревянный) жёрнов просорушки
    / Ужьгъэм текIэрэхъухьу и щIыIу телъ щхьэл мывэм хуэдэу пхъэ хъурей ин.
    Ужьгъащхьэ хэхын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > ужьгъащхьэ

  • 4 цеящэбаш

    устар. товарный валик ( ткацкого станка)
    / Цей зэIущар зытрашэ пхъэ хъурей.
    Цеящэбашым цейр тешэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > цеящэбаш

  • 5 цыикуэ

    деревянный инструмент, с помощью которого всовывают конец шерстяной нитки внутрь мотка
    / Цы яшыхьам кIапэр зэрыкIуэцIакуэж пхъэ хъурей кIэщI.
    Цыикуэр гъэIэкIуэлъэкIуэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > цыикуэ

  • 6 цыкIуэкIыщхьэ

    деревянная головка веретена
    / Цы щаджкIэ цыкIуэкIыр зэхуэдэу кIэрэхъуэн папщIэ и щхьэм фIалъхьэ пхъэ хъурей пIащIэ.
    ЦыкIуэкIыщхьэр фIэхун.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > цыкIуэкIыщхьэ

  • 7 щхьэлнэIус

    втулка в центральном отверстии нижнего жернова
    / ИщIагъ щIэлъ щхьэмывэм и щхьэлынэм IугъэтIысхьа пхъэ хъурей кIэщI.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щхьэлнэIус

  • 8 шашкэ

    1. шашки ( игра)
    / Пхъэ, къупщхьэ хъурей цIыкIухэмкIэ клеткэ-клеткэурэ гуэша пхъэбгъум зэрыщыджэгу джэгукIэ.
    2. шашка ( игральная)
    / Шашкэ зэрыджэгу пхъэ, къупщхьэ хъурей цIыкIухэр.
    Шащхьэр къытелъэщIыкIын.
    Шашкэ джэгун играть в шашки.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > шашкэ

  • 9 пщыIэ

    1. шалаш
    / Губгъуэхэм щащI псэупIэу, пхъэ зэупсея, мэкъукIэ зэщIэбгъэжа.
    2. временное жилище (напр. чабанов)
    / Iэщыхъуэхэм, губгъуэм щылажьэ цIыхухэм я псэупIэ.
    Мэлыхъуэ пщыIэ.
    пщыIэ хъурей круглый шалаш
    / Хъурейуэ щIа пщыIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пщыIэ

  • 10 баштес

    набалдашник
    / Башым и щхьэм фIагъэтIысхьэ пхъэ е къупщхьэ хъурей.
    Къупщхьэ баштес.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > баштес

  • 11 гупхъэтIэкIу

    ступица
    / Гу шэрхъым щыщу гудзэ дакъэхэр зыхаукIэ пхъэ къэгъэжыхьа хъурей.
    * {Андемыркъан} шы бгъуэщIым зредзэ, - и сагъындакъыр зэIудзагъэххэт, - я гупхъэтIэкIумрэ я гулъэмыжымрэ зэтреIулIэ. Къэб. п. и ант.
    гупхъэтIэкIу дакъэ утолщенная часть ступицы
    / ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ гъумыр.
    гупхъэтIэкIу пащIэ носовая (более тонкая) часть ступицы
    / ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ псыгъуэр.
    ГупхъэтIэкIу пащIэр зэгуэмычын папщIэ, уэрдыхъу фIалъхьэ.
    гупхъэтIэкIу уэрдыхъу металлическое кольцо, надеваемое на ступицу
    / ГупхъэтIэкIур зэгуэмычын папщIэ, абы щаукIэ уэрдыхъу.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гупхъэтIэкIу

  • 12 цыкIуэкIыкI

    стержень веретена
    / Хъурей дахэу упса, пхъэ шэрхъыр зыфIалъхьэ баш кIыхь цIыкIу.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > цыкIуэкIыкI

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»